• Жанр: поэзия

  • Язык: кабардинский

  • Страниц: 112

Гупсысэ IэфIхэмкIэ гъэнщIа усэхэр *

Тхьэм ирещIи, Поэзием и нэхъыбапIэри и нэхъыфIыпIэри зытеухуар нэ зэхуизыща цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я псэхэм къыщыунэху
гурыщIэхэрщ. КъыщызэщIэтаджэ гуапагъэ зызэхуэзышийхэрщ. Зи зэхуэзэр мащIэу а зи мащIэр маехэм я гукъэкIыж телъыджэхэрщ…

1
ББК 83.3Адыг
К19
Тхылъыр дунейм къызэрытехьар я фIыщIэщ
IутIыжхэ Мажидрэ Iэсиятрэ
Къаныкъуэ З.
К19 Уэрэ сэрэ: усэхэр. Налшык: Издательство М. и В. Котля-
ровых, 2008. – 112 с.
Къаныкъуэ Заринэ 1969 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дыгулыбгъуей къуажэ къыщалъхуащ. КъБКъУ-р 1991 гъэм къиухащ.
УсакIуэщ, журналистщ. «Горянка» газетым и редактор
нэхъыщхьэщ.
Усэхэр щызэхуэхьэса и тхылъитI Налшык къыщыдэкIащ:
«ГъуэрыгъуапщкIуэ» (1992), «Уафэ щыгъэ» (1997). Пьесэхэри етх.
Гухэлъ усэхэр зэрыт «Уэрэ сэрэ» тхылъыр и ещанэщ.
© Къаныкъуэ З., 2008
© Сэралъп М., 2008
© Издательство М. и В. Котляровых,
2008
3
Гупсысэ IэфIхэмкIэ гъэнщIа усэхэр *
Тхьэм ирещIи, Поэзием и нэхъыбапIэри и нэхъыфIыпIэри зытеухуар нэ зэхуизыща цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я псэхэм къыщыунэху
гурыщIэхэрщ. КъыщызэщIэтаджэ гуапагъэ зызэхуэзышийхэрщ. Зи зэхуэзэр мащIэу а зи мащIэр маехэм я гукъэкIыж телъыджэхэрщ…
«Си гукъэкIыж… Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр
Уэ узыхуэдэр зэрыIуэтэгъуейрщ…
Гу лъатэ псоми уафэр зэрыгъуагъуэм.
Зэуэнур щыблэм хухэпхыныр лейщ…»
Мы дунейр къызэриухуэрэ псэхэр зыIэпешэ «лъагъуныгъэкIэ» зэджэ а
гурыщIэ нэхум. А дунейр къутэжыхункIи цIыхухэм яхуэIуэтэщIынукъым
абы теухуауэ къыздрахьэкI гурыгъу-гурыщIэхэр. А гурыгъу-гурыщIэхэм
я щIэщыгъуагъэри нэхъ мащIэ хъунукъым, ахэр къызэрыIукI гухэм я
пшынэбзэ гъунапкъэншэр гъащIэм къыдэшэрашэу щытыху…
*
Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыщIэ «Уэрэ сэрэ» жыхуиIэм и пэублэ псалъэ.
4
«Си псэр псы щIагъкIэ уи деж нэсхьэсынут,
Хьэуа хуримыкъуми, укъезгъэгъуэтынут.
Си псэр хьэуам хэзутIыпщхьэм кIуэдынущ,
Уи деж нэмысыфу къарур иухынущ.
Дэнэ ущыIэми, си гум укъещIэ,
Зыныпхуишийуэрэ псэм зыныппещIэ…»
Пэжщ, цIыхум я нэхъыбэр есакъым икIи тегъэпсыхьакъым апхуэдэм: пшэм щIэбжьахъуэ гурыщIэхэмрэ а гурыщIэхэм яхуэфэщэжын
псалъэхэмрэ. Темыгъэпсыхьахэу къытщохъу. Езыхэми закъыщохъуж…
Ауэ дэтхэнэ цIыхупсэми гъэпщкIупауэ хэлъщ зи фэщыгъэцIэр зэи
къахуэмыщIэну а гъэщIэгъуэныщэр… Къалэн гуэр иIэххэу щытмэ, Поэзием и къалэныр мырауэ къыщIэкIынущ: къыщагъэщIым щыгъуэ, апхуэдэ телъыджэ къызэрыдагъэщIамкIэ дэтхэнэ цIыхуми фIэщхъуныгъэ
етыныр…
«Си псэм и налкъутхэр
Уэ пхузогъэфащэ.
Си гум жьыдэхупIэ
Къыщигъуэтыр мащIэщ.
Сщыщу сымыцIыхур
КъысщыбощI щIэщыгъуэ.
Сэ къыпхэсцIыхукIыр
ЗгъэлъэпIэныр игъуэщ…»
Усэрэ усакIуэрэ мы дунейм тетыхункIэ цIыхухэр иризэдэуэну къыщIэкIынущ мыбы: Поэзием и бзэм дежкIэ нэхъыщхьэр
гурыIуэгъуафIэу щытыныра хьэмэ удэзыхьэх гъэпсыкIэ иIэныра?..
ЦIыхум я нэхъыбэм задэзыщIыну хуейр, дауи, япэм теIэбэнущ…
Сэ къызэрысщыхъумкIэ, Поэзие къызэрагъэщI бзэ гъэпсыкIэхэр
ар къызыхащIыкI гурыщIэхэм ещхьыжу щытын хуейщ… УмыщIэххэу
къыпщIихуа акъужь гуапэ. Зи кIапэр къыпхуэмыгъуэтыж пщIыхьэпIэ
дахэ. НэкъыфIэщIу къэунэхурэ, а къызэрыунэхуам ещхьыркъэпсу, зэуэ
бзэхыж тхьэIухуд гъуэбжэгъуэщ. Уи гур зыщIэхъуэпсу зэи узылъэмыIэс
нэхунэ телъыджэ… Мис апхуэдэ зыгуэрхэщ Поэзием и хъуаскIэр
цIыхупсэм «къыщыпIэнкIыным» щхьэусыгъуэ дахэ хуэхъур… Апхуэ-
5
дэ гурыщIэр дауэ бзэм и къарукIэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур? Алыфбейм
иратхэ щапхъэхэм ещхьу, «ущызэкIэщIэплърэ» къызэрыгуэкI дыдэу
мытхэ усакIуэм бзэр къыхуэмыгъэIурыщIэу, и зэфIэкIыр абы хуримыкъуу къыщытщыхъу куэдрэ къытхуохуэ дэ. ИкIи ар дыдэмкIэ зыщыдогъауэ. ЩыIэу къыщIэкIынщ, дауи, апхуэдэ гуэрхи: я усэхэм зэрыщымытыфэ къытрагъэуэн мурадкIэ, е зэрыхуэмыIэрыхуэм къыхэкIыу
бзэр нэхъ зэхэтхъуауэ, зэблэшауэ къэзыгъэсэбэпхэр. АтIэми, гурыщIэм я
нэхъ «зэхэIуэнтIахэр» къыщыбгъэлъэгъуэм дежи, «бзэм и лъынтхуэхэр»
къэнэн хуейщ «зэпычыпIи» гупсысэр зримыкIуэфын «зэрыдзапIи» имыIэу
(лингвистхэр «языковой вывихкIэ» йоджэ апхуэдэм)… Мы дызытепсэлъыхь
усэхэм къыхагъуэтэну си фIэщ хъуркъым ди бзэм апхуэдэ «лей къыщытехьауэ» зы сатыри. Ахэр зытхам хъарзынэу къехъулIауэ сэ къызолъытэ и
гурыщIэ, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу тришэныр…
«Зыгуэр жысIэну къысщогъупщэ,
Пщэдей псалъэншэм къыспекIухь.
Гухэлъ щхьэхуещэхэм я ныбжьым
Гупсысэ кIапэхэр яшыхь.
Зыгуэр аргуэру къызогъанэ,
Гурыщхъуэ лейр IэщIыб схуэмыщI.
Пщэдейм хузохьыр си «итIанэр»,
ИтIани нобэм сремыщхь…»
УсакIуэр сытым дежи зыгуэрым хуозэш. И нэджащIэм нэщхъеягъэ
щIэгъэпщкIуа зэпыту мэпсэу. Насыпым и хъыринэм щисым дежи, а
зэшыр къыдэщIыгъущ. ГурыфIыгъуэм я нэхъ иныр щиIэм дежи, нэщхъеягъэ псыпсым къызэпхроплъ.
ФIы ар? Хьэмэ Iей? Жэуап пыухыкIа ептыныр гугъущ абы… Сэ сщIэуэ
шэч къызытезмыхьэжращи, усакIуэпсэ зритахэм Тхьэр абыкIэ къахуэупсарэ тэзыру къатрилъхьарэ зэхэгъэкIыгъуафIэкъым. Сыту жыпIэмэ а
псэр ещхьщ Мэлэчыпхъу и чысэ дунеягъэкIэ зэи ямыгъэнщIыфам.
Абы игъэпIейтей зэпыту псэу цIыхум ехьэлIауэ жыпIэмэ, усакIуэпсэр
нэхъ хуокIуэ тэзырым. Ауэ Поэзием дихьэххэм я дежкIэ апхуэдэпсэ
6
зиIэр – Тхьэм цIыхухэм къахуигъэщIа тыгъэщ. Сыту жыпIэмэ абы
и зэшхэр узытезашэхэм ящыщкъым. И нэщхъеягъэри узыIэпызышэ
нэщхъеягъэ IэфIщ…
«Зеущэху гурыщIэм, псэм щIогъуалъхьэ зэшыр.
Нэшэкъашэу нитIым уафэ нэз хадыкI.
СкIэрымыкI гупсысэ, сыт зыщIызэхуэпшэр?
Пшэ Iэрамэм хыхьи, щхьэхуимыту спыкI…»
Мис апхуэдэ гупсысэ IэфIхэмкIэ гъэнщIа усэхэщ мы тхылъ дахэм щызэхуэхьэсахэр. Ахэр («зи IэдэкъэщIэкIыр» жытIэнкъым) зи гурыкIыр,
зи псэрыкIыр ди литературэм езым и лъагъуэ наIуэ щыпхрызыша, игурэ и щхьэрэ зэтелъу а лъагъуэм ирикIуэ Къаныкъуэ Зэринэщ.
Дауи, нэгъуэщI щIыкIэуи датепсэлъыхьыфынут дэ мы усэхэм.
Псалъэм папщIэ, цIыхушхуэхэм Поэзием тражыIыхьахэм къахэтха цитатэхэмрэ термин щIэгъэщхъуэжахэмкIэ гъэнщIауэ. АтIэми сэ
нэхъыфIу къэслъытащ а усэхэр си гум къызэрехуэбылIам, ахэм къызата
гурыщIэхэм, сызыхаша гупсысэхэм сатемыпсэлъыкIыу, къызэрысщыхъуар «гурыщIэбзэкIэ» къыжысIэмэ. КъыдэхъулIауэ Тхьэм къыщIигъэкI…
Мис мыр щIызгъужыну сыхуейт а къыжысIахэм. Куэд щIащ Къаныкъуэ Заринэ ди Поэзием хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIын зэрыщIидзэрэ.
И тхылъхи къыдэкIащ. Ди литературэм къыщыхъу-къыщыщIэхэр
къызыфIэIуэху, абыхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ, убгъуауэ тетхыхь
гуэрхэр, япэм ещхьу, щыIэжамэ, шэч хэмылъу, нэхъри наIуэ икIи IупщI
хъуну къыщIэкIынт щIэщыгъуэу гупсысэ, щIэщыгъуэу тхэ, дунейпсо
Поэзием куууэ хэзыщIыкI, адыгэбзэр екIуу зыгъэшэрашэ усакIуэ ди
литературэм къыщIэхъуауэ зыкъом лъандэрэ зэрыхэтыр.
Аращи, дривгъэгуфIэ мыпхуэдэ тхылъ хъарзынэкIэ ди литературэм
хэхъуэ зэригъуэтам икIи Къаныкъуэ Заринэ девгъэхъуэхъу апхуэдэ
тхылъ куэдкIэ лъэпкъыр игъэгуфIэну. Зым и фIым уригуфIэныр узыншагъэм дежкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэри, ди щхьэ и сэбэп зэрызетхуэр
тщIэжурэ, дызэдевгъаджэ мы тхылъ дахэм.
IутIыж Борис,
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ,
«Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэ
7
* * *
Уи зы псалъэр щIым и Iыхьэщ
КъыкIэлъыкIуэр уэгум хэтщ.
Уэ телъыджэм урилIыкIуэщ,
УкъэсщIэну сэ сыхэтщ.
УкъэсцIыхумэ сигу псэхуну?
УкъэзмыщIэмэ нэхъыфI?
Мы дунеймкIэ хэт ухъуну?
Уэ зыхэпщIэр сытым ифI?
Сэ щIэщыгъуэм срехьэжьэ,
Сэ уи нитIым сащIоплъэф.
Уэ сыноплъмэ, зызохъуэжыр.
ГъащIэр къысщохъужыр IэфI.
2002 гъ.
8
* * *
ЦIыхум и нэхур
Нурым хокIуадэ,
Нурым хожабзэ,
Бзийхэм щыщ мэхъу.
Къэхъумэ къэхъур
Сядэж и адэ
Игу зыхуэкъабзэу
Ихъума щэхущ… Хущхъуэу къыхихыр Щхъухь хуэмыхъуну
Лъэпкъыр мэгугъэ,
Лъэпкъыр мэпсэу.
Нур къыщхьэщихым
Дыгъэм хигъэщIкъым.
ГъащIэри кIэщIкъым,
Къуитми – зэщ.
9
* * *
Гъэпсалъэ щхьэмыжыр.
Абы къиIуэтэжым
щIодэIур тхьэрыкъуэр.
Тхьэрыкъуэм зигъафIэу
къриш и уэрэдым
йодаIуэ щиху уардэр. Щихужьым и пщIащэм
къапсэлъ-къаIущэщым
догуфIэ акъужьыр.
Акъужь щIэфиикIым
тхьэкIумэр гъэкIауэ
щIэдэIур псэущхьэрщ.
Псэущхьэм ящыщу
зы закъуэщ а макъхэм
я щэхум пэжыжьэр.
Ар – цIыхурщ.
2004 гъ.
10
* * *
Сызыхуейр фIэсщынущ зыхэсщIэм.
Сызэрыхуейуэ псалъэхэр зызогъэзахуэ.
Зэм факъырэ хьэфизу сокъуз,
Зэм къызокIутри,
къуалэбзум зэщIащыпэ…
Сыту сфIэфI!
Хьэрхуэрэгъу къысхуэхъуну хуейуэ
Утыкум къиджэразэ ныбжь закъуэтIакъуэхэм
Сахуэгъэзащ!
Гу ялъыстэрэ сыригузавэу
щыщытар щыIэжкъым.
ЩыIэр сэращ.
ЗыхэсщIэмрэ къызэрысIуатэмрэ
Якум къыдэнэ жьыбгъэм
сошэсри – макIуэ-мэлъей!..
2006 гъ.
11
* * *
Нэхущым жыгхэм заутхыпщI,
Зэхэзещхъуэн ищIащи уэшхым.
Зыгуэрым и цIэ къыщысIуэщхъукIэ
«Хэт зейр ар?» – си гур къызоупщI.
Гухэлъыр етыр нэхущ бзум,
Хьэуа жейбащхъуэр мэкIэзызыр.
ПщIыхь кIапэлъапэу уэгум изым
Макъ зэмыфэгъухэр ягъэзу.
2003 гъ.
12
* * *
Мы щIылъэм псори гурыIуэгъуэ ещI,
КъэкIыгъэр, псыр, къурш задэхэр зэIуещэ…
Дунейм и зэхэлъыкIэм зыкъыддещIыр,
Сыт жыдмыIами, псалъэу щыIэр лейщ.
Сэ зыхэсщIам фIэсщынкъым лъагъуныгъэ,
Сыт зэрысщIынур фIэщыгъэцIэ гуэр?
Дызыхуэзэну тIуми ди мыгугъэ.
Дэ щхьэкIэ уафэр щIылъэм щоуэршэр.
…Хы Iуфэм псори гурыIуэгъуэ щохъу,
Гукъеуэр, псалъэмакъыр псым щIелъафэ.
ЩIыр апхуэдизкIэ елъытащи уафэм,
Сэ сызыщыщыр къэзмыщIа къысщохъу.
13
* * *
ЗыкъэсщIэжри – гъэмахуэт,
Жызумейри къэгъагъэрт.
Сыгъуэща зимыгугъэ
Дыгъэм сэ зыхуэзгъафIэрт.
Сыпсэуну сыгугъэу,
СыщыIэну сыхъуапсэу
ГъэфIагъыбзэкIэ дыгъэм
Сыздришэрт и лъапсэм…
1997 гъ.
14
* * *
ЗыщысплъыхькIэрэ
узмылъагъуурэ,
успэIэщIэти,
щIыIэм сист.
Сыщхьэхуиттэкъым –
си бзэр си псэти.
Сришэжьауэ
уэгу гъунэм ситт.
СылъэIэстэкъым,
къысхуэгъэщIтэкъым
бзэ кIуэдыжым
и дуней нэху.
Псэр щхьэхуиттэкъым,
псэм сыхуиттэкъым.
…СхужымыIэ
иджыри «уэху»…
Гухэлъ IэфIкIэрэ
Сигъэделэри,
Тхьэм сщищIауэ
къалэн – сопсэу.
Уэ сыноджэмэ
сызэхэпхырэ?
Абы ещIэ
къысщыщIыр сэ…
2001 гъ.
15
* * *
Къэхъунур зэрыпэжымрэ
Къэхъуар къызэрытхэнэмрэ
КъытщыщIхэр зэрызэщхьымрэ
Иджы догъэлъэпIэж…
Сыгъуэгыурэ, сыгуIэурэ,
Зы лъагъуэм лъагъуэ тесщIэурэ,
Псэ Iэсэр хьэршым тесшэурэ
Сыбзэхри сыкIуэдыжт.
УкъакIуэурэ, укIуэжурэ,
Зы къыбгурымыIуэжурэ,
Уигу сщIэгъур щIебгъэгъуэжурэ
Уэ зы пIэм уимытыжт.
Ар блокIыр – зы щытыкIэщи,
Тщогъупщэ – зы къэхъукIэщи.
Гухэлъым и теплъэгъуэхэр ЩIэрыщIэурэ тхуехъуэж.
ГуфIэгъуэр зэрылъапIэри,
Гухэгъуэр зэрыяпэри
Зэм-зэмкIэ къеджэгъуафIэрэ ЩIэщыгъуэу соIуэтэж…
2001 гъ.
16
* * *
Псэр зыхьэху тыншыгъуэ,
УкъэкIуащи игъуэу,
Уэ зыпхузогъафIэ,
ЗэщIэзгъэсту мафIэр.
Зезгъэунущ бзийхэм,
Зыпкъырысшэу хуабэр.
Си гум нэхъ Iэпихыр
ЩысхуигъэщкIэ япэ.
Макъхэм сащIодэIур,
Сахэщыпыхьынущ.
КъысхуищIэнщ си лъэIур –
Сыныпхуихьыжынущ.
2002 гъ.
17
* * *
СыкъызэплъэкIри – зыслъагъужырт:
СыгуфIэрт, сыгъырт, сыпIейтейрт,
Зэм си щхьэ зыхуэзумысыжырт:
ЩIэщыгъуэу мы дунейм сытетщ…
Зыщыслъагъужым куэд скIэрыхури,
Сыкъэхъури псынщIэ, зэу сыбзэхт…
СыщIэгъри сыт?
Сыт сыщIэгуфIэр?
А псор абдеж къысфIэмыIуэхут…
1997 гъ.
18
* * *
КхъыIэ,
Мы дунейм теухуауэ
ЖыIэ… ЩIыIэщ,
Ауэ добауэ,
ДыщыIэщ.
Уэгум
Дихьэжыпами
ТщIэркъым.
Ауэ
Дэ дуней псор
Къыддобауэ.
КхъыIэ,
Уэ абы теухуауэ
ЖыIэ.
ГъащIэщ…
Уэ зыхэпщIыкIыр
КъэзгъащIэ,
КхъыIэ…
2002 гъ.
19
* * *
Зыри, зыри.
Сэ уэ сыпщосщхь.
Си щхьэм апхуэдэу сыщысхьыфарэт.
Си цIэр аргуэру сщыгъупщэжарэт…
ЩIым узохьэхыр, уэгу ухузохь.
Хьэуэ, сэ сыпхуосакъыр,
сыпщосхь…
ПщIэркъым, пщIэркъым
къэхъунур – бзыщIащ.
КъызэIузыхыр ар мазэ бзаджэрщ.
ЗысхуэмыIыгъыу зэгуэр сынаджэм,
Уэгуми, уэри зэу сыкъэфщIащ.
Зыри, зыри…
2002 гъ.
20
* * *
Гухэлъыр IэфIт,
Гухэлъыр узт. Щысхэтым сфIэфIт, ЩысхэкIым скъузт.
Гухэлъыр пщIыхьт,
Гухэлъыр пщIыпщIт…
Ар зым емыщхьт,
КъызэмыупщIт:
Укъысхуея?
Укъыспэплъа?
Дунейм хуэдизыр
Сигу къэплъарт.
Гухэлъыр схэзт,
ИмыIэу нэз…
Ар дэни нэст,
Псэр зыщIэхъуэпст.
Гухэлъыр – сэрт, ЩIыщыIэр – уэрт…
Уи дежкIэ – лейт.
Узыхуэмейт.
Гухэлъыр – IэфIт. Щыбзэхым – узт…
2001 гъ.
21
* * *
Насыпым сыпэплъэу
илъэсхэр йокIуэкI,
Насып зэрызиIэр
сигу зэми къысфIокI.
Мо уафэм и лъащIэм,
мы щIылъэм и Iэгум
яку дэлъыр си лъагъуэщ,
псэуныр схулъокI.
Зэм-зэмкIэ къысщохъур
Сишэжу и деж…
Жэрыжэр имыдэу
си лъагъуэр схухеш…
Мы щIылъэм мо уафэм
Къысщохъу зыхуишийуэ.
Къэунэхур зыщыщым
зэреджэр пщэдейщ.
2002 гъ.
22
* * *
СылIэжыну кIасэщ,
Сыкъалъхуну пасэщ.
Зэмызэгъ дунейхэм
ГъащIэ мыхъу я уасэщ.
СхузыхэщIэр къабзэщ,
СхужымыIэр лъабзэщ.
Псалъэ къэгъэщIыкIэр
Псэр зэзыгъэхъуапсэщ.
1999 гъ.
23
* * *
КъызэплъэкIи еплъэкIыж
гу лъыптамэ блэкIа махуэм.
ГъащIэ къуэпсхэр зэрымахэ,
Псэр аргуэру зэрыхъуж!..
КъызэплъэкI, зэщIэувыIыкI,
Укъэщтарэ зы жумыIэу,
Зыми и цIэ къыпхуимыIуэу,
Къызэроджэми уэ пыкI.
НапIэзыпIэм хъу нэгъуэщI,
НапIэзыпIэр мэхъу зы гъащIэ.
Уэ ухэтми зэгъащIэ,
ГъащIэр мащIэщ, гъащIэр кIэщIщ…
2002 гъ.
24
* * *
Си гухэлъым япэ
КъысфIежьа гурыщхъуэ,
Къысхыхьа псэ зауэ,
Сызыубыда губжь,
Зыри фхулъэкIакъым:
Къос уащхъуэдэмыщхъуэу
Тепщэ схуэхъу щытыкIэр.
Сытыр и лъэужь?
Сытыр и хэкIыпIэ?
УпщIэу щыIэр лейкъэ?
Гур езыр зыхуеIэщ,
Гур езыр зыхуейрщ.
Псалъэу схужыIэнур
Усэм щыхуэкIуэну
Си къэкIуэну махуэр
ЗыкIи сысымей…
1996 гъ.
25
* * *
Ухуеймэ тет дунейм, ухуейм – ехыж,
Уэр щхьэкIэ дыгъэр къуэмыхьэж, удзыр мыгъуж.
Уэр папщIэ уафэм зеукъуэбз – ар узэреплъщ.
Ухуеймэ псэу, ухуейм – зылIэж,
Гум дыркъуэ телъщ.
УIэгъэр щыIэщ зыгъэхъуж, зыхуэгъэкIыж.
ИтIани нэгум щIэмыкIыж зы гукъэкIыж…
Ухуеймэ тет дунейм – ууейщ, ухуейм – ар хъуэж.
ПхэкIыну еIэми, псэр хейщ. Къегъэгъэзэж…
1996 гъ.
26
* * *
Гугъэр нахуэщ, гугъэр нэхущ.
Псэм егъуэтри, зеущэху.
Зэм – согугъэ, зэм – согыз.
Псэм зешыIэ, псэр мэуз.
Дэнэ, си псэ, укъикIа?
Пшагъуэ Iув укъыхэкIа?
Си щытыкIэр схуэзыхъуэж,
Укъыщежьэр къызощIэж.
Гугъэм гъуэгур егъэнэху.
ГъащIэм си псэр егъэунэху…
2002 гъ.
27
* * *
Сыту тыншу сежьэжрэ, ди Тхьэ !
КъызэзнэкIыр гу дыркъуэ дамыгъэщ.
IупщIу си IэкIэ ар къызэристхъэу
Гъуэгур махуэ схуэхъуну си гугъэщ.
Ягъэ кIынкъым тэлайкIэ зысIэжьэм,
Иджыпсту сыхуэныкъуэщ гулъытэ.
Иджыпсту дуней псом сыпэIэщIэщ,
ИкIи ар сэ схуэмыдэу солъытэ.
ДэкIмэ тIэкIу къэблэгъам сыIущIэнущ.
Жэп щIыхуфэу гупсысэр къыстохэ.
Пшэплъыр хуэмурэ къыщызэщIэнэм
Сэ аргуэру гъуэгущхьэм сытохьэ.
1997 гъ.
28
* * *
КъыщIигъэщыр сыт мо уафэхъуэпскIым?
Къыхигъэщыр сыт абы мы жэщым?
Сэ уэрыншэу сызытехьа гъуэгу?
Уэ сэрыншэу узыхыхьа джэгу?
Си гур нэщIщи, шынэ лъэпкъ ищIэжкъым,
Уэ абы куэд щIауэ уриIэжкъым.
Дауэ уэ апхуэдэу къызэпщIа?
Дауи сэ апхуэдэ къысщыщIа?
УафэхъуэпскIым щыблэ къыщIоувэ,
Уэшх губжьам си гъуэгур трелъасэ…
Гумрэ псэмрэ нахуэу щызэпеIэм
Зэ щIегъуэжи, «Къэгъэзэж», –
къызжеIэ.
1997 гъ.
29
* * *
Сэ унэщIэ сыщIохьэ,
Сэ бжэ мин зэIузох.
Губгъуэ хуитт сэ сыздэкIуэр –
Си мурадыр сIэщIоху.
Унэ иным и пэшхэм
ЦIыхуу щIэсыр мыцIыхущ. Щхьэ сымыщIэрэ шынэ?
Зыми бжэ схуIуимых.
Зыми жиIэркъым псалъэ,
КъысхуоплъэкI, йоплъэкIыж.
Бжэхэр быдэу хуэщIами,
Згъэзэжын слъэмыкIыж.
Зыр Iузох. Ещхьыркъабзэу
АдкIи бжэ къыспэщIэтщ.
Си къарум шэч къытесхьэм
КъысщыщIынур нэгу щIэтщ…
Мы пщIыхь IупщIыр нэхущым Хэбзэхэнщ, хэкIуэдэнщ…
Мис мы бжэжьри зэIуокIри
АдкIэ… пшагъуэ гуэрэнщ!
АдкIэ… хьэуэ, сошынэ!!!
Сэ ар сщIакъым. СокIуэт.
…Дэнэ щыIэ а унэр?
Си пщIыхьэпIэм ар хэтщ.
1997 гъ.
30
* * *
ПлъапIэу сиIэр уэгурщ,
ТхьэлъэIупIэр нэгум
ЩIэзымыгъэкI гъэхэм
Сакъол, сагъэмэхми…
Къэунэхур махуэщ,
Къиуназэр мазэщ.
ЩызэпычкIэ къуэпсхэр,
КъысфIыщIож си нэпсыр.
…Щхьэхуимыт илъэсым
И бжьыхьэкIэ уэсыр
Къыстесэну малIэ.
Си гухэлъыр маблэ!
31
* * *
«Ухэмыплъэ, псыхэгъэ умыщI…»
КъызжезыIэр мы-наIуэ, мы-IупщI.
УпщIэ лейкIэ щIалэгъуэр ерыщщ.
Ухэмыплъэ, и лъащIэр мэпщIыпщI…
ЩIэр къоунэхури, щIэщыгъуэу зеукъэбз.
Ухэмыплъэ, къебгъакIуэу уи нэпс.
ПщIэрэ? ПщIэркъым. Гупсысэм хэмыщI.
Дыгъэ бзийхэр псы лъащIэм щопщIыпщI.
Сызыхэт-сызыщыщым сыдокIу…
Зы гурыщхъуэ си гущхьэм щопэкIу.
Ауэ ари сэ наIуэ къэзмыщI…
ПщIэрэ?.. СэркIэ ар зэкIэ мы-IупщI…
2001 гъ.
32
* * *
Дыгъэ къухьэжыгъуэм
ГъащIэм и зы фIыгъуэу
Уэ узэрыщыIэм
Сэ зызегъэшыIэ.
Дыгъэ тIысыжыгъуэм,
Уэ ущызигугъэм,
Уэ узыхуэзгъафIэ
Пшэплъым сес и мафIэм.
Сохъур дэп жьэражьэ,
СоупщIыIужыр яжьэу.
Псэм и тыншыжыгъуэ –
Дыгъэ къухьэжыгъуэ.
2002 гъ.
33
* * *
ЗдэщымыIэм псалъэ
Псэм къыщеущыхь.
Сыту насыпыфIэ, ХэкIыжащ бэлыхь. Хэт абы и Iуэхум ФIыкIэ къыхыхьар? Хэтми аракъэ –
Уэгум ар ихьащ.
Жыжьэ щыIэ пэтми,
Сэращи ар зейр,
Сигу пымыкIыгъуафIэ
СызыщIар нэпсей.
Псалъэ къыщыслъыхъуэу
Макъхэм я IутIыж
Си щытыкIэ щэхум
Ар къыздимытыж.
Жэщыр махуэхуэкIуэу
Нэгум щIэкIыр пэжщ…
Псэм къыщиущыхькIэ,
Псалъэр къысхуозэш.
2003 гъ.
34
* * *
СыщыхыхьэкIэ бжьыхьэм сотынш,
ЩезгъэжьэжкIэ, гъэмахуэр мэхъущIэ.
ЩIэзгъэпщкIунури сыт си гурыщIэр.
ЩIыхуэу телъыр зэманкIэ етыж.
ЖэуаптакIуэ сызыщIыр си ныбжьщ,
Къыщезэгъым нагъыщэкIэ Iэзэщ.
КъысщебзыщIри абы ди зэхуэзэр,
Лъагъуныгъэм и мафIэм селыпщI.
ПщIащэ кIуэдым тедиер си нитIщ,
ЗэщIэдиер дунейми – сэракъым.
Псалъэу уэ къызжепIам сыхуэсакъыу
Бжьыхьэ пасэм и пащхьэм щхьэ сит?
1999 гъ.
35
* * *
Iэгу лъэныкъуэр щIыIэмылщ,
Мыдрей Iуэгур мафIэщ.
Гуауэр сигу щызогъэтIылъ,
Гукъанэр щIыкIафIэщ. ФэрыщIыгъэкIэ сешу
А гукъанэ бзаджэм.
Сызэрихуэурэ сешыху
Сыдигъэтщ къуэладжэм.
А къуэладжэм сигу щыкIащ –
СыщопэкIу куэд щIауэ.
КъызеIуэкIыр: «УпыкIащ ФIыуэ плъагъу уи щауэм»…
Сэ а щауэр си пщIыхьэгъущ,
Си махуэ гупсысэщ.
Къызэрытыр хуэзмыгъэгъу,
Зыхузогъэгусэ.
Сэ гукъанэм сыIэщIэлъщ, ЩIохъухьыж ар гуауэ.
СщхьэщыкIыну пIэрэ щIэх?
ЗэрысщIынур дауэ?
Гуауэщхьэуэм и зэран
ЗэкIыжынур сощIэ.
Си щыуагъэр мэхъу бэян,
36
Си гухэлъым къощэ.
КъэзмыщIын си Iуэху хэIущIыIу –
Аращ сызыпылъыр.
Мылым мафIэр егъэупщIыIу,
ЕгъэткIу мафIэм мылыр.
2000 гъ.
37
* * *
Сэ сожьэжыр – уи жагъуэ умыщI…
Гъуэгур пшагъуэщ, си пщIыхьхэр нэхъ IупщIщ.
Си гур мафIэщ, уэшх-уэс къэслъыхъуэнщ.
СыппэIэщIэм си лажьэр къэсщIэнщ.
Сэ къысщыщIым зэреджэр бзыщIащ,
Узигъусэщ – уэ сщыщ ухъупащ.
СыIукIуэтмэ нэхъыфIу къысщохъу.
СыздэкIуэнумкIэ уэшхыр къыщошх.
Усхуэныкъуэу сыхуейщ зыхэсщIэн…
Си гур мафIэщ – зыхуейр хэт ищIэн?..
2002 гъ.
38
* * *
Мы си гур мэгъагъэ,
Мы си гур мэусэ,
Iэсауэ зегъафIэ,
КъегъэщIри псысэ.
Мо дыгъэр мо уафэм
ЩIоткIукIри щожабзэ.
Мы си гур мыпыIэ,
Мы си гур мэхъуапсэ…
39
* * *
Е псори пэжщ, е псори пцIыщ
Псынэпсыр псыпцIэм щыхэхуэжкIэ,
КъуэпсыщIэ розэм къыщыкъуэжкIэ
Е псори пэжщ, е псори пцIыщ.
Ешауэ дыгъэр щыкъухьэжкIэ,
Е уи цIэм фIэкI щызимыIэжкIэ,
Е гъатхэм бзур къыщылъэтэжкIэ
Къэхъу псори пэжщ, итIани пцIыщ.
ХэкIыпIэр нэхущ, хэкIыпIэр зыщ –
Къэблагъэм щыму хэткIухьынырщ,
ЩIы хъуреягъыр къэкIухьынырщ,
БгъуэтыхукIэ уэгу укъызэрыщ…
2001 гъ.
40
* * *
Си гукъэкIыжу къэмыхъуар зи лъабжьэ,
Ерыщу сэ унафэ къысхуэзыщI,
Зи зыгъэгусэр тIэкIу сфIэгъуабжэлъабжэ,
Зи усэр псалъэ IущхэмкIэ ерыщ.
Си гукъэкIыж, къэкIуэнум хуеIэ-хуепхъуэу
Гупсысэм и кууупIэм щетIысэх,
АрщхьэкIэ тезымыхыу зи щхьэтепхъуэр
Ерыщрэ хамэу си псэр зыгъэщхьэх…
Си гукъэкIыж… Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр
Уэ узыхуэдэр зэрыIуэтэгъуейрщ…
Гу лъатэ псоми уафэр зэрыгъуагъуэм.
Зэуэнур щыблэм хухэпхыныр лейщ.
1997 гъ.
41
* * *
Гъатхэ уэс,
уэ си гум дыгъэр къыбогъэхьэ.
Гъатхэ уэс,
уэ сыт жыпIэну узыхуейр?
«Унэм щIэс»?
«Дунейм уэ зэкIэ утемыхьэ»?
Гъэр ногъэс,
сэ пхужызмыIэ «Еу-уей».
Уэ ухуитщ
щIым уеIусэну иужь дыдэу.
Уэ ухуитщ
щIымахуэм пхуну и лъэужь.
ФIыуэ сэ
узмылъагъуну къысхуумыдэ,
Дыгъэрами
си нэгу щIэтыр зи нэгу плъыжь.
1997 гъ.
42
* * *
Къызэджи къызжеIэ,
Къызэплъи къэзгъащIэ
КъэзгъэщIыр зищIысыр,
Пщыхьэщхьэ гумащIэ.
Зэхоуэри пшапэр,
ГугъапIэ сохутэ.
Сыхэтми сщубзыщIу
Уэ сигу умыкъутэ.
Дунейр дамэдазэу
ЗэIуокI, зэтопщIыкIыр.
Бжэ мин къызэIуокIри
Мэщащэ IумыкIыр.
Пщыхьэщхьэ плъыфищэ,
Зи фащэр яIулIэ,
Уи IэплIэ къихутэм
Илъагъуу умылIэ.
ЗэтекI-зэтепщIыкIым
И щэхум сыхэшэ.
Зэхоуэри пшапэр,
КIыфI мэхъу уи дурэшхэр.
КърисщIэу и плъэкIэм,
КъызжиIэу и макъым
КъэзгъэщIыр зи Iыхьэм
Пшыхь бзэхыр хуосакъыр.
1997 гъ.
43
* * *
Усщогъупщэ, усщогъупщэ,
Си пщэдейр пхузэхузощI.
ЩIэм и теплъэр, щIэм и плъыфэр
Пшэплъ гу пцIанэм и фэм къощ.
Усщогъупщэ, усIэщIохури
Уи хуэIухуэщIэм сыкъыхокI.
КIэухыншэ сщыхъу гухэлъым,
Лъэрымыхьщи, и псэр хокI.
СыпкIэрохур, сыпкIэрокIыр,
Си кIий макъыр пшэплъ мэхъуж.
ФIыщIэ сощIыр. ФIыуэ сощIэ:
Пщэдей махуэм сегъэхъуж.
1996 гъ.
44
* * *
Дыгъэпсым хоткIухь,
Джабэ нэкIум тожабзэ,
Бзу макъым, удзымэм
ЩIогъуалъхьэри йош
Пщыхьэщхьэ плъыфищэр.
Аргуэру сохъуапсэ
Бзэ мин зыIурылъым.
И гъуджэм сыкъощ.
Щыбзэхри дэнэ?
Зэрыхъури дауэ?
Зэш IэфIым и IэплIэр
КъысхуищIурэ хуит…
Къысщохъу иджыпстукIэ
Сэрар сэрмырауэ…
МахуэкIэм и хьэлщ
СIихыжын къыщызит.
1996 гъ.
45
* * *
Дэнэ къикIа махуэщIэ?
Хэт игъэпщкIуа мазэщIэ?
ПсэщIэ къысхыхьэу пIэрэ?
Псалъэм хуэсакъ аргуэру!
Гум къимыIукIыр бгынэ,
Ар щомыгъэIу уи унэ.
КъомыхъулIар къэгъанэ –
Нэптхысыжынщ итIанэ.
Щэм зы къыхэхи – хъуакъэ.
«ФIыуэ сыпхуэхъумакъэ?»
ЖызыIэфынур дапщэ?
Ди Тхьэ, сIыумых псалъапщIэ.
46
* * *
Губгъуэ щхъуантIэм Iуащхьэхэр къытощ,
Уафэ къащхъуэм пшэхэр щызэблокI.
Зы гуфIэгъуэ си нэкугъуэм къощ…
Сигу тхьэрыкъуэр сутIыпщын схулъокI.
Гъатхэ губгъуэм щхьэщолъэтри ар
Иджыпсту зыхищIэр езым ейщ…
Сщогъупщэжыр упщIэу пхузиIар
Уафэр щIылъэм щыхыхьэжым деж…
2002 гъ.
47
***
СыпщIэгупсысрэ сигукIэ схузэгъэзахуэм
Мазэмрэ Дыгъэмрэ щыгъуазэу.
ХьэрэмэIуащхьэ схудэмыхыж си гупсысэр
Жаншэрхъыу къеджэрэзэхтэмэ – си гур псэхунут.
Усэбзэр зэтрекъутэ си гухэлъ ныкъуэIуатэм, –
Хэт и гугъэнт апхуэдэу утыку сыкъинэну?
Уэрамэ зягъэр – укъызгуроIуэ,
уэри сызэхэщIыкI.
СынолъэIуркъым, ппызоубыд армыхъуамэ.
ГухэщIым и архъуанэ лъэщым
СыщрилъафэкIэ – дэнэ уэ ущыхэтыр?
Сыт укъызыхигъэщIыкIар?
Жэз, мывэ?
Къурмэкъейм къыщIэгъуалъхьэ гуауэм
игъэзу псэ нэзхэм
я зэхуэдитIым уи цIэр яIэт.
адрейм – уагъэтхытх.
Сызэхэпхыркъым уэ итIани!
48
* * *
Си Iэр убыди, си нэр зэтепIауэ
сыббгъэдэсынщ.
Си нэкIур уи напэм щабэу лъэIэсмэ –
сыт къэхъунур?
салъкъыным и бэуэкIэ къэблагъэр
къызэхэпхынщ.
мы дунейм дытетщи, къэхъунум
и кIэм диплъэну
дыхущIыхьэнущ…
2006 гъэ.
49
* * *
Уи бар си Iупэм тесщи, хьэндырабгъуэу толъэт.
Уи деж нэсхьынут си гур сымыпIащIэу – холъэт.
Уэрами сщIэркъым си псэм игъэфIэнур пщэдей.
Сыпхуэзэу щытмэ гуапэу сыпIуплъэнущ. Ухуей?
КъысфIэщI къысщохъу пщIыхьэпIэм къихь IэфIыгъэр ууей.
Гурыщхъуэ сощI уи щэхур схузэIупхыу, дуней…
Иджы сэ сощIэ си псэм зыщIигъафIэр – ифIэфIщ…
Гурыщхъуэ сощIыр къысщыхуау зыгуэрым и нэфI…
Уи бар си Iупэм тесщи, хьэндырабгъуэу толъэт.
Уи деж нэсхьынут си гур сымыпIащIэу, холъэт…
50
* * *
Уэ пщIарэт си гум и щытыкIэр,
И зыгъэфIэкIэр, и зыщIыкIэр.
Зэхозгъэхарэт къиIущэщхэр,
Къыпхуигупсысхэр абы жэщкIэ…
Зэрыпхуэусэр ар къэпщIамэ,
Къысщыхъурт къыптекIэну дамэ…
ЗэрытIэпыкIыу зэрыгъагъэр,
Зыкъыпхуишийми зэрыпагэр,
УкъыщыкIуам деж зэрымэхыр,
Уи кIуэжыкIар зэрыфIэщIэхыр…
ФIылъагъуныгъэр пыжэбзыкIыу
ЗэрибзыщIыфыр и щытыкIэр…
Уэ пщIарэт…
1999 гъ.
51
* * *
Убзэхыжу къэбгъэна гупсысэм
ПхисыкIа щыгъынхэр согъэсыж.
Уимыгугъэ сэ къэхъуам семысэу,
Умыгугъэ сылIэу сымыхъуж.
Сэ уэрау къысщохъу иджы сымаджэр,
КъызжепIахэр сфIощI езым уи щхъухь.
Сыт иджы? Уигу хэщIыр къызэбгъаджэм
ЗыпхуэсщIын къыпщыхъурэ сэ лъэгущIыхь?!
Хьэуэ, хьэуэ! Си гухэлъ сепцIыжкъым –
СхулъэкIыхукIэ сэ ар пхуэзгъэфIащ…
Уэ плъэгъуауэ зы бостей сщыгъыжкъым,
Зесхьэр щIэщ, щIэрыпсу езгъэдащ!
2002 гъ.
52
* * *
Иджыри зыри пхэзмыщIыкIыу,
Уи псалъэ закъуэр сфIэтелъыджэу,
Сыдэпхьэхыну иужь уиту,
Иджыри зыми дыхэмыту…
Гъатхэкум IэплIэм дрикъузэу,
Иджыри IэфIу сигу мыузу…
Зыгуэрхэр жытIэм – дыдыхьэшхыу.
Ди гъуэгу тIфIэкIэщIрэ ар хэдбгъэшу…
НэгъуэщI сэ зыри сыхуэмейуэ,
Дакъикъэм зыфIищыжхэр лейуэ.
ЩхъуантIабзэу удзыр къыхэжауэ,
Уэ сыпшэжыну сепшэжьауэ.
КъысхэпцIыхукIыр пфIэщIэщыгъуэу,
Гъатхэкум къэхъуу хъуар фIэигъуэу…
2002 гъ.
53
* * *
ГъащIэм и курыкупсэм,
Си псэр щыхей-щымысэм,
Уи къару щэху хуэныкъуэу
Си пкъым зеIыгъ, зешыIэ.
Къэхъум и теплъэ наIуэр
Нэгу къыщIэувэу, лъаIуэу…
Уэ усхэмыкIыу щыIэ…
Хэт сэ зызыхуэсшыIэр?
Псэр зыхэткIухь пкъы лантIэр
Уэ Iэрыубыд умыщIатэм
СщIэнтэкъым сызыхущыIэр,
ГъащIэу сызыхуэныкъуэ…
2003 гъ.
54
* * *
Гур гъэзагъэ –
Зыми уемыгупсыс.
ФIыуэ плъагъум
ПсалъэкIэ улъэмыIэс.
Гур гъэтIыс уэ –
Акъылым хэкIуэсыкI.
ФIыуэ плъагъум
Уемыгупсысу пыкI…
– Сыт къэхъунур? –
ЖыпIэу, уигу хыумыгъэщI.
ЩыIэр – гъащIэщ,
Адрейуэ – нэкъыфIэщIщ.
Гур мэзагъэ,
Ауэ мыхъун сабыр.
ФIыуэ плъагъум
Пэджэж зэпытщ, и плъырщ.
2001 гъ.
55
* * *
Си псэр псы щIагъкIэ уи деж нэсхьэсынут,
Хьэуа хуримыкъуми, укъезгъэгъуэтынут.
Си псэр хьэуам хэзутIыпщхьэм – кIуэдынущ,
Уи деж нэмысыфу, къарур иухынущ.
Дэнэ ущыIэми, си гум укъещIэ,
Зыныпхуишийуэрэ, псэм зыныппещIэ…
1999 гъ.
56
* * *
Лъагъуныгъэм и къэкIуэкIэр
Лъагъуныгъэм и зы щэхущ…
Махуэ лейр къызызонэкIри
Жэщым сэ зызогъэпсэху…
Сэ акъылым сегъэтхьэджэ,
Сэ гупсысэм сегъэкIуэд.
Уи зы псалъэ, уи зы плъэкIэ
Къыщыслъыс си дежкIэ куэдщ.
Егъэжей акъылыр жэщым,
Гухэлъ IэфIыр тепщэ схуохъу.
Гум зетIыжыр, псэм зешэщIыр,
КъыщысIуэщхъу уэ уи цIэр къохъу…
1999 гъ.
57
* * *
Уэ пщIэр сэ къэсщIам къыпыдгъащэ,
Дяку дэлъыр гъуэгу кIыхь-гъуэгу тIуащIэщ.
Нэгу щIэтыр уи нэгу сызыщысхьырщ,
Си махуэр пызощэ си пщIыхьым…
Уэ жыпIэм жумыIэр йофIэкIыр,
Уигу илъыр къэзбгъащIэурэ нэкIэ,
СыукIытэурэ IэплIэ щесшэкIкIэ
Нэгу щIэт уи сурэтыр збгъэдокIыр…
Уэ дзыхь птезмыщIэжу сыкъонэ,
ИтIанэ уэ уигу къызэфIонэ.
Сэ псэкIэ зыхэсщIэу къысфIощIыр
Уэ уи гум щыхэхъуэ-щыхэщIыр…
1999 гъ.
58
* * *
Укъэушмэ, щхьэгъубжэм дэплъ,
Уэс къесауэ къекIынущ нэху.
Уэ си макъым ущIожеикI.
Уэ си макъ зэхыумых-зэхэпхщ.
Укъэушмэ, ущымылъэт,
ПщIыхь плъэгъуахэр IуумыгъэщтыкI,
Уэ си макъым ущIожеикI,
Сэ нэхущыр сфIэфIщ, сыпоплъэф.
Укъэушмэ, щхьэгъубжэм дэплъ,
Уэс къесауэ къекIынущ нэху.
Усэм къохъур си псэр щихьэху,
Уэсыр уафэм къехауэ щылъщ…
2003 гъ.
59
* * *
Си псэм и налкъутхэр
Уэ пхузогъэфащэ.
Си гум жьыдэхупIэ
Къыщигъуэтыр мащIэщ.
Сщыщу сымыцIыхур
КъысщыбощI щIэщыгъуэ.
Сэ къыпхэсцIыхукIыр
ЗгъэлъэпIэныр игъуэщ.
ГъащIэм и хабзэжьхэр
Ди щхьэм тхуемыхьэлIэ.
Ауэ, дауэ хъуми,
НаIуэ къохъу ди хьэлхэр…
Дэ дызэтоувэ –
Тхьэм къытхуегъэфащэ.
Си гум жьыдэхупIэ
Къыщигъуэтыр мащIэщ.
Уэри уэзмыхьэлIэ
Нобэм сегъэжабзэ.
Си псэм и налъкъутхэр
Си псэрщ зыгъэкъабзэр.
1997 гъ.
60
* * *
Уэрэ сэрэ дяку къыдэхъуэ псалъэм
И дахагъэм си щхьэр доуназэ.
Уэрэ сэрэ къытпэщылъ гъуэгуанэр
Зыгъэнэхуу щыIэщ Дыгъэ-Мазэ.
Уэрэ сэрэ къытпежьа насыпыр
Зи Iэрылъхьэ хъунум къытхуохъуапсэ.
Уэрэ сэрэ дызэрыхьэ щIыпIэр
Лъагъуныгъэм къихухьа и лъапсэщ.
1999 гъ.
61
* * *
Си пщIыхьэпIэм уэ ухэтщ
цIэимыIуэу.
Щхьэ къэмыхъурэ зы сыхьэт
укъыщыкIуэ?
ЩIымахуэпэм и зы хьэлщ
нэщхъеиныр.
Сэ абы къысхухохьэж
хьэл къииныр.
КъысщыщI псори зытеслъхьэн
уэ узиIэщ.
Сыт щIымахуэр? Къэсыпащ.
ЩIыIэщ, щIыIэщ…
1999 гъ.
62
* * *
Уи гум щыщIэр къысхуэIуатэ,
Уи псэм телъыр наIуэ къэщI.
Уи мыхьэлу зыутIыпщи,
Сэ зы закъуэм дзыхь къысхуэщI.
Хъунущ уи щхьэ къызэпхьэлIэ,
УэсхьэлIэнущ си гухэлъ.
Пхуэзгъэдахэу жыпIэ псори,
Зытезгъахуэурэ уи хьэл.
ЖыIэ, жыIэ. Сыт убзыщIкIэ?
Сэ арыншэми къэсщIащ:
Уи насыпыр зыхэплъагъуэр,
Зыдэплъагъур – ар сэращ.
1999 гъ.
63
* * *
Псалъэ лей жызмыIэу зызогъасэ
гъатхэ пасэм.
Уи дунейм нытохьэ си пщIыхь зэшхэр
хэту уэшхым.
Си блэкIар къэкIуэнум изогъапщэ.
Псалъэм папщIэ,
Уэ абы ухэткъым. Сигу ар покIри,
укъызоджэ.
Псалъэ лей жумыIэу зыкъэзгъащIэ,
гъэр гумащIэщ.
ЩIым текIуащи, гъащIэм хуейщ пищэну.
УкъэсщIэну…
1997 гъ.
64
* * *
Уи гукъеуи, уи гуфIэгъуи фIыуэ сощIэ.
Иджыпсту дунейм и нэзым уигу щыхощIыр.
Иджыпстур пщэдейм хыхьэну йопкIыр, йолъыр.
Сэ лIэщIыгъуэ Iэджэ щIауэ сыныппоплъэ
Дунеижьым иIэщ бзыпхъэ, иIэщ хабзэ.
Уебэкъуэну абы зыкIи умыхъуапсэ.
УтекIыну абы зыкIи упымыхьэ.
Уи гукъеуи, уи гуфIэгъуи сыхэгъэхьэ.
1999 гъ.
65
* * *
Къызэт нэгъуэщI псалъэ,
Къызэт нэгъуэщI макъ,
Си жэщ ныкъуэцIалэ,
Уэ сэ къысхуэсакъ.
Уэ сэ къыздыхыхьэ
Дунейхэм я дзейм.
Сэращ уэ къэплъыхъуэр,
Уэращ сызыхуейр.
Си жэщ ныкъуэцIалэ,
Си жэщ ныкъуэтхьэщI,
Си нэгу щIэт зы щIалэ
И гугъу думыгъэщI.
СIэщIэх абы и цIэр,
Гъэбзэх и сурэт.
Ар сигу къыщридзэм
Къару уэ къызэт.
Къызэт нэгъуэщI теплъэ,
Къызэт нэгъуэщI хьэл.
КъысщыщIым сегъэплъи,
Къэхъуам сыкъегъэл.
Си жэщ ныкъуэцIалэ
Схуэхъумэ си щэху.
Сэ ар зыхуэзгъадэр
66
Къыспэплъэ къэсщIэху.
Си нэгу щIэт зы щIалэ
И гугъу думыгъэщI.
Уэздыгъэу щыгъаблэ
Си гугъэр уи кIуэщI.
1996 гъ.
67
* * *
Уэрэ сэрэ дызэгъусэу дыгъэпсэу,
Дыгъэ къепсым дыхуэгуфIэу, зыхуэдгъафIэу,
Жэщ гу пцIанэм зэщIигъэстыр тхуэщIу мафIэ
Уэрэ сэрэ дызэгъусэу дыгъэпсэу.
Уэрэ сэрэ зэдгъэхьэлIэ псэм и щэху,
ЩызыхэтщIэкIэ мы щIыр щIэкIэрэхъукIыу.
Зы бауэкIэ дызэриIэр тфIэтелъыджэу
Уэрэ сэрэ зэдгъэхьэлIэ псэм и щэху.
Уэрэ сэрэ дыщыгъэIэ зы дуней,
Дызэгъусэу зэIыдгъэх ар налъэ-налъэу.
Тхуигъэувми дэ зыгуэрым гъащIэ пIалъэ,
Уэрэ сэрэ дыщыгъэIэ зы дуней.
1997 гъ.
68
* * *
Сэ гъусэ сщIынур уэракъым,
Сэ гъусэ сщIынур нэгъуэщIщ.
Сыщыгъуащэ уэрамхэм
Тет унэ инхэр ныкъуэщIщ.
Сэ гъусэ сщIынум и макъыр
Зэм-зэмкIэрэ къохъу щызэхэсх.
Къызэджэурэ къысхуэсакъми,
Уэрамхэм ар щыхэхэсщ.
Блын гъуабжэхэм сэхур тракIэ,
Гъуэжькуийхэм зэхацIэлэж.
Сыт сэ уэ зым сыносакIэ?
Къызэплъыт – иджы сыщIогъуэж.
Сэ гъусэ сщIынур уэракъым,
Уэ сигу уизгъэхужу аращ.
Зашыхьри къалэ уэрамхэм,
Аргуэру си деж укъашащ…
1996 гъ.
69
* * *
СынолъэIу: дытегъэт зы дуней,
Зы зэман дыхалъхуащи, согуфIэ.
Гъусэ сщIыну уэ зырщ сызыхуейр,
УкъысIуплъэмэ, ухъуу нэщхъыфIэ.
СынолъэIуркъым, уэри ухуейщ
Уи цIэ жысIэм гуапагъэ щIэслъхьэну.
Зы зэманым хэдгъэх зы дуней,
Зы дыгъэщI ди блэкIыну-къэкIуэнур.
1999 гъ.
70
* * *
Си нэкум и напIэ,
Си напIэм и щIагъ,
Уэ зырщ си гугъапIэр,
Уэ зым сыкъэлъагъу.
ЛъагъункIэ срикъукъым,
Сыноплъ – зызмыгъэнщI. ЩIы фIыцIэ-щIы ятIэм
Илъэсыр и гъэрщ.
Гъэр и кIэм нэсащи,
НысащIэу зеущэху.
Си нэкурэ си напIэм
Уэ зым сыкъыхэх…
КъызжеIэ зы псалъэ,
КъэзгъащIэ къэхъунур…
Илъэсыр ди пIалъэ,
Е мазэри хъуну?
Си нэкурэ си напIэу
Уэ зыр услъэгъуащ…
2001 гъ.
71
* * *
Къэгъанэ псори,
Си деж уэ къакIуэ,
Си деж уэ къанэ,
А зыр си лъэIущ.
Дэ къытщыщIынум
Деплъынщ итIанэ.
Мы гъэмахуэкIэм
Къыдет щыщ тIэкIу.
КIуэжыгъуэр Iуэхукъым,
КъэкIуэгъуэр махуэщ.
Узыхуеинур Хэт сэр нэмыщI?
Сэ уэр нэмыщIкIэ
Мы дунеишхуэм
Тетыжу зы псэ
Зи къысфIэмыщI.
…Си деж уэ къакIуэ.
Тэлайри гъащIэщ.
Си гъащIэ налъэр Щхьэ уэ пIэщIэлъ?
Къэхъунур дахэщ,
КъэкIуэнур фIыгъуэщ. ЩыIэжкъым пIалъэ,
Си псэр зыхэлъ…
1999 гъ.
72
***
Сыгъыркъым, сыбжэркъым,
сотхьэусыхэ. Аркъудейщ.
Зэгуэрым зыгуэрым си щапхъэм
къытрищIыкIыну сурэтым
еплъынухэм сыту куэд къагурыIуэну!
Зыри къызыгурымыIуэу
сызытекIуадэ уэ
иджыпстуи хей узощI.
Хьэуам ухызолъагъуэ
лъагъуэ ныкъуэтхыу.
Узэрыхуейуэ уи Iуэхур хъумэ –
хъыбар сэгъащIэ.
СыпогуфIыкIри сожьэж –
аркъудейщ…
73
***
Псори пцIыуэ къысщохъу:
си гухэлъри,
сигу хэзыгъэщI гукъеуэри.
Пэжым и нэзыр
уи псалъэ кIапэ
къыщыслъыхъуэныр си хьэлщ.
Ара си щыуагъэ нэхъыщхьэр?
УсIэтрэ узгъэлъапIэу,
узгъэкъуаншэрэ сыпщымысхьыжу,
гукъанэм и IэпапIэ бжыгъэншэхэм
си псэр щIагъэнауэ…
Изогъэлей. Ар си хьэлщ,
Тхьэм къысхилъхьарэ
зыри схуемыщIэу.
ФIыуэ услъагъурэ?
74
***
Мывэ лъэгущ си псэм и лъащIэр,
языхэзми уи цIэр тетхауэ,
хьэлъэрэ симыгъэбауэу.
Апхуэдэу къыщIысщыщIам
и щхьэусыгъуэр
зы мэскъалкIи къыбжьэхэмыуэу.
Гукъанэ пхуэзмыщIын си гугъами,
схуэзэфэкIыркъым.
Уэ укъэзгъанэу
Тхьэр згъэкъуэншэн?
Тхьэр къыщызгъанэу
ущысIэта дакъикъэм
Игу къызэбгъаи…
Лъапэрисэу
къысхуэуджыну хьэзыр
Кавказ къуршыжьхэм
я гур къаскIэри
зэщIэувыIыкIащ
сызыгъэжабзэ гухэлъым
и дзакIэ ящыхуэсIуатэм.
«Бетэмал… зытегъэу зыгуэрурэ…»,
къыщызжепIам, щхьэ умыщIарэт?..
75
***
Нэхъ къасщтэу пIэрэ апхуэдэу?
Сыгъуащэрэ зэм сыкIуэду,
Сыжабзэрэ сигъущыкIыу,
ИтIани сигу упымыкIыу.
Нэхъ тыншу пIэрэ апхуэдэу?
Ажалымрэ гъащIэм сыхэдэу,
ХэкIыпIэ сщIынум сыхуиту,
ИтIани уи пащхьэ ситу.
НэхъыфIыр зыщIэм еущэхур
Къэхъунур, сызыпэщIэхуэр.
ХэкIыпIэ си гум кърелъхьэ:
«Ухуитщ, е къехыж, е къелъэ! »
Нэхъ къасщтэу пIэрэ итIани
Гурыщхъуэм сыщыщIигъанэр?
Уи нэгу сыкъыщIыхьэу сощIри,
Мы си гум зэм хохъуэ, зэм хощIыр…
76
***
Уэсым и пIалъэр къэсакъым.
Уэ ар къесауэ къызжоIэ…
Дяку къыдэсауэ къыщIэкIмэ,
ПщIыхьхэр щIихъумэу – сыт сщIэнур?
…Уэсым и пIалъэр ещIэжыр,
Си деж къэсыныр фIэпасэщ.
Уи деж къыщесыр си хамэщ ,
Си пщIыхь пхуэслъагъухэр едыгъури…
2005 гъ.
77
* * *
НэкъыфIэщIхэм я дунейм
Сытезышэ лъагъуэм
Ауэ сытми сыхуей!
ИкIи къысхуолъагъу ар.
ГукъэкI налъэхэм зашыхь,
Я кум сраубыдэ,
Си нахуапIэр щыхъур пщIыхь
Зэи къысхуэмыпщытэ.
Дуней гъащIэм и щIагъщIэлъ
Псэзэрыхъэм хэщIкъым.
Пэж ерыщыр къызощIэж,
КъысхудэкIуэу зэшыр.
Дуней хуитым тобэмпIыхь
Си гурыщIэ нэхухэр.
Пэжыр пщIыхьым хозэрыхь,
НаIуэм зеущэхур.
Нэрылъагъум зыщедзей
Шыпсэ къэзылъыхъуэм.
И нэщэнэхэр сысейщ
КъэсщIа лъагъуныгъэм.
Зызэхуешэ, зеукъуэдий
СызрикIуэ лъагъуэм,
НэкъыфIэщIхэм я дунейм
ЗыкъысхуегъэщIагъуэ.
78
* * *
Псалъэм сэрэ ди закъуэу дыкъонэ,
Нэхур щынум иIэжу жэщ псо.
Псэр соIулIэри пкъым къыхызонэ,
Нэз зимыIэм сэ теплъэ изот.
Тезыр гуэрхэр щIэрыщIэу къыслъосри,
Сэрмырауэ сэрар къысфIыщIедз.
Дзыхь хуэзмыщIми, сэ абы сосэ,
Сыкъеужэгъури езым зыспыIуедз.
… Зи къежьапIэ аргуэру къэслъыхъуэр
Мэхъу и теплъэм къимыщI арэзы.
Бзэм зы макъи итынукъым щIыхуэу,
Яхъумэну мэгугъэ езыр…
ЩызэрыздзэкIэ IулIэIуданэр
Нэзэрыхъэм вагъуэбэр къытощ.
Щымэ нэху, сыIурихмэ, итIани
Нэгум щIэкIыр къэспсэлъу къысфIощI.
79
***
Вагъуэ быныр зи щхьэщыгу сы-гъуэгурыкIуэу,
СызыIущIэр си щIэщыгъуэу, сыкIуэу, сыкIуэу,
СыщIежьари, сызыхуейри уи гухэлъу,
«УкъэмыкIуэ», – къызжепIарэ лъэгум щIэлъу,
Сэ гъуэгуныкъуэр зэпысчарэ сыжэщхэсу,
Вагъуэ быныр къысщхьэщытрэ къысхуэусэу,
Дакъэжь мафIэ зезгъэуну сыщIэхъуэпсу,
Ныбгъуэ плъырхэр губгъуэ удзым щэхуу хэсу,
СыщIежьари, сызыхуейри уи гулъытэу,
«УкъэмыкIуэ»-р зэхэсхарэ сигу къилъэту.
Згъэзэжынрэ сынэкIуэнрэ къысхуэмыщIэу,
Губгъуэ нэщIым сыкъинарэ сыпIумыщIэу.
УпщIэ гуэрхэм вагъуэ быныр къысхуегугъуу,
Усэ гуэркIэ сигу игъэнщIмэ фIы и гугъэу.
ГъуэгурыкIуэу си гъуэгуныкъуэр зэпысчауэ,
Жэщыр згъакIуэм, нэху къыстещхьэм, адкIэ –
дауэ?..
80
***
Уэ зыщIыпIэ укIуащ,
сэ ар сощIэ.
Уэ уежьауэ укъэтщ,
сэ сыножьэ.
Уэ уздэкIуэр жыпIащ,
сыныппоплъэ.
Си гухэлъыр псы уэрщ,
сэ къызолъэ.
Си гухэлъыр къиуащ,
урихьэхыу.
Уэ зыщIыпIэ укIуащ.
…удихьэхри.
Уэ ущежьэм жыпIащ
псалъэ гуэрхэр.
«Къысхуэгъэгъу… си гуэныхьщ…»
нэгъуэщI гуэрхэр.
Сэ а псор си мыIуэху
мы зы гъуэгукIэ.
СыщыIэнщ ущыIэху,
зэкIэ, зэкIэ…
2006 гъ.
81
* * *
Зыгуэр жысIэну къысщогъупщэ,
Пщэдей псалъэншэм къыспекIухь.
Гухэлъ щхьэхуещэхэм я ныбжьым
Гупсысэ кIапэхэр яшыхь.
Зыгуэр аргуэру къызогъанэ,
Гурыщхъуэ лейр IэщIыб схуэмыщI.
Пщэдейм хузохьыр си «итIанэр»,
ИтIани нобэм сремыщхь.
82
***
Мы гъэмахуэр
гу лъызмытэу
икIмэ –
гъащIэм и зы Iыхьэщи,
гупыкIыгъуафIэкъым.
Абы гу лъатэнщ
зы гъэмахуэм
зи гъащIэ псор къриубыдэ
хьэндырабгъуэхэм.
Гу къыслъыптарэ,
укъызэмыджэу сыблэкIмэ,
гупыкIыгъуафIэу
сыкъэплъытами къэсщIэнукъым.
Сэ сыхуеят
уи гъащIэм и Iыхьэ сыхъуну.
Хьэндырабгъуэу
уи дамэм телъэтыжар
сэрами пщIэркъым…
2006 гъ.
83
***
НэгъуэщIым и зы плъэкIэ къудейм
уIуплъэну уи нэ къыхуикIыу.
Уигу здэгъэзар сэрмырауэ…
Ар дауэ?
Апхуэдэу щхьэ къэхъухха?
СыноупщIри, абы и жэуап
уэри пщIэркъым.
Уи щIыб къэбгъэзащ.
УщIегъуэжрэ зэгуэр укъаджэм –
сыщыIэжыну пIэрэ?
Дэнэ здэщыIэр къару
сэ къысхыхьэжу
цIыху сищIыжыну.
Дэнэ къисхыну хьэуа,
си тхьэмбылым езэгъыу срибэуэну?
Псым зыхэздзэнт- ситхьэлэнущ.
Бдзэжьейуэ хьэуам сыхолIыхь.
Къуэмыхьэжыныр зи нэгу
Дыгъэ псыхуэлIэм
и нэджыджым къытощ
си губампIэр…
Си Iэгум кIуэцIрыж мастэр
си лъэгумкIэ щысхэкIыжу –
84
апхуэдэщ си узыр,
и хъущхъуэгъуэр цIыху цIыкIум
игъащIэми къахуэмыгъуэту.
Гум и щэхущ,
гухэлъым и щапхъэщ
сэ къэсIуатэр.
Сызэхэх…
2006 гъ.
85
***
Удз кIырым зыщызыгъэпщкIу гъэмахуэу
си гу къуэпсхэм гухэлъыр хэзэрыхьащ.
Жэщым къызэщыужрэ къэтIэпIыу,
гъэгъа хужьыр къызыпидзэ си гущхьэм
мы дунейр къехъуапсэу.
Псом нэхърэ нэхъ гугъур
уэ езыр ущыщтэжу гъэгъа телъыджэр
зепхьэнырщ.
Хэт и тыгъэ? Хэт и тезыр?
УхэзыубыдыкIауэ зи нэIэ ущIэтым
уепагэкIи мыхъуну,
зыщызэпыпщIэкIи, усакърэ уумызэхыу…
КъэтIэпIыу гъагъэм
укъигъэнэхурэ укърацIыхуу.
Хужьу къыщызэрыкIкIэ,
и кIэух хъунур зыми имыщIэу.
Гухэлъщ…
2006 гъ.
86
* * *
Пщыхьэщхьэр нэхущым щыпэджэм,
Щыкъуейуэ мэщащэ си макъыр.
Кърухэм я дамэ шэщIыкIэм
КIэухым къежьапIэ щегъуэт.
Тэзыр къигупсысым щыщтэжу
Жагъуэгъур утыкум къихьакъэ –
Къарууэ збгъэдэлъыр щысхэкIым,
МахуэкIэ нэпсейм сыкъегъуэт.
87
* * *
СхужымыIэу макъкIэ си зы лъэIу,
СхуэмыIуатэу псалъэкIэ пщIыхьэпIэ,
Фи зэхуаку си махуэхэр щопэкIу,
Фи щIыбагъ сыщыхохьэж гъатхэпэм.
Езгъэлейр къызэрыгуэкI щысфIэхъу
Си гупсысэ кIэншэр пызогъэщхъыр.
Уафэ лъащIэм плъапIэ щызиIэху,
КъызгуроIуэ жэщкIэ щIым къиIуэщхъур.
КъомэщIэкI теплъэгъуэхэр си нэгу,
ЩIэкIыгъуейхэр зэхуехьэсыр щэхуу.
…Си зы пщIыхь упщIищэхэр щопэкIу,
Си зы лъэIум ахэр дэзгъэбзэхыу.
88
***
Си унэм хьэндырабгъуэхэм къыщалъэтыхь,
хужьи фIыцIи яхызолъагъуэ.
Си нэгу къыщIохьэж къалэ жыжьэр,
уи унэр.
Уэс къесарэ жьэгум мафIэ ипщIауэ.
ЩтэIэщтаблэу
укъызэплърэ, уи гум илъыр убзыщIу.
КъысфIэIуэхуртэкъым абы щыгъуэ
зыри.
Иджы си гупсысэм ухэтщ.
Си унэм
хьэндырабгъуэхэр къыщIолъатэ,
щIолъэтыж…
2006 гъ.
89
***
Къалэ щэхум удозэшыхь.
узыхуэзэшыр сэракъым,
сэ ар сощIэ.
Си гум къиIукI макъамэр
щызэхэпхкIэ, уи гур мэуз.
Аркъудейщ.
Уэ пщIэрэ
сэ а псор зэгуэрым
си нэгу щIэкIауэ зэрыщытар?
ДяпэкIи къэхъуну-къэщIэнум
и щхьэщыгу къиувэр
си усэхэм зэгъэзэхуауэ
къахэбгъуэтэнущ.
Уи насыптэкъым сыщыпIущIам.
Уи насып кърихьэкIат
СыпIуплъэу, усхъумэну
сигу къыщыкIам.
Нобэми сыпхуосакъ.
Узыхуэзэшыр сэракъым,
сэ ар сощIэ.
90
* * *
Зеущэху гурыщIэм, псэм щIогъуалъхьэ
зэшыр.
Нашэкъашэу нитIым уафэ нэз хадыкI.
СкIэрымыкI гупсысэ, сыт зыщIызэхуэпшэр?
Пшэ Iэрамэм хыхьи, щхьэхуимыту спыкI.
Чэнджэщэгъу щIэзмыщIыр сыт мы бжьыхьэ
махэр?
Сыхуэмей и гугъэщ – псалъэм къысхущосхь.
Хьэулейщ зэманыр, зэгуэр къысхуищIахэр
Сэ си щIэщыгъуэжкъым, ар нэгъуэщIым
лъос.
Солъэхъшэх тэлайкIэ, зызоIэтыр бжьизкIэ,
Бжьыхьэ кIуэдыгъуафIэм и гупсысэм сехь.
Сыхьэт бжыгъэ гъащIэу махуэм
къыщызиткIэ,
КъэзгъэщIа гупсысэр пшэплъ макъыншэм
сIех.
91
***
Жэщым къыхэIукI макъхэм къарыкIыр зэгъащIэ…
ГъащIэр зэрызэхэлъыр нагъыщэ защIэущ.
Хэти и ныбжь курыхым дамыгъэ трещIэ…
Схэтщи ныкъуакъуэу зы псэ – псэхэр зэпещIэ…
Жэщым къыпыувэ махуэр зи жьыдэхупIэр
КIыфIым хэзэшыхьынкIэ шынэ гухэлъырщ…
Макъхэр щызэпыувэ-щызэпэджэжым
ТепщIэ дамыгъэ упщIхэр нэгум къыщIонэ.
Хэти абы хуэхейщи гу лъимытэххэ,
Хэти и лъынтхуэм хэлъу дунейм къытохьэ
Макъхэр, нагъыщэ IупщIхэр, дамыгъэ пэжхэр…
2005 гъ.
92
***
Дыщафэ-гъуаплъафэу,
Сыхыхьэм – къызэкIуу,
СыхэкIмэ – и жагъуэу
Бжьыхьэку.
Мы гъэм срищIасэу,
Мы мазэр зэрикIыу
Хэбзахэу пшагъуэбэм
И нэгу.
Зы махуэр – зы гъащIэу,
IэфIыгъуэ-тыншыгъуэр
Къызитрэ къызэплъу:
Ухэт?
Сэ – зи цIэр умыщIэу
дэпхьэх-бгъэщхьэрыуэрщ…
Бжьыхьэку, умыбзэх, умыкIуэд…
2005 гъ.
93
***
Къаплъэ.
Сыкъэплъагъумэ – аращ сызыхуейр.
Уигу къилъэтыр гъэзагъэ,
Сэрмырами зэхэзехуэн ар зыщIар.
Гъатхэщ.
Гу лъызмытэу ар изгъэкIащ,
СыпщIэгупсысрэ Тхьэ сыпхуелъэIуу.
Сэрмырами уи нэгу къыщIэувэр.
ГъащIэщ.
И хабзэхэр сэ зызогъащIэ.
ЗыхэсщIыкIымкIэ уэ сыбдогуашэ.
Сызэхэх.
Сыкъэлъагъу.
Плъагъур сыт?
Уи нитIым ялъагъу дуней Iыхьэм
Сэ сытемытми, щIыгур хъурейщ.
КъызэгъэдзэкIи – укъысIуплъэнущ!
Къаплъэ!
94
* * *
Къэхъунум и IэфIыр,
КъэщIэнум и фIыгъуэр
КъэсщIащ, зыхэсщIащи
Сыхуейкъым нэгъуэщI.
Къэхъунум сыщыIэщ,
Къэблагъэм сыхэтщи,
Мы си гум зегъафIэ,
Мы си псэм зегъэнщI.
Уэ сщыщ ухъупащи,
Тэлайри – зы гъащIэщ.
Сомыджэ, усхэтщи,
Сыпщосхь, узогъэпщкIу…
Уэ уи цIэр жызоIэ –
Хэт макъхэр сфIэдахэщ.
Уи нэгур си нэгум
ЩIэмыкI, изогъэщхь.
1999 гъ.
95
* * *
Зыгуэр къысщощI, зэтокIри си щхьэр,
Къэхъун-къэщIэнур къомэщIэкI,
Уэ зым уи пащхьэ сыныщихьэм
Псэм и тхьэлъанэр сфIощIыр схэкI.
ГупыкIыгъуейуэ махуэр макIуэ,
УкъыщыкIуэнум согупсыс.
Уэс цIынэ къос, сощI уафэр джакIуэ,
Си деж итIани укъэмыс.
Зыгуэр къысщощI, зэтекI-зэтехьэм
Щхьэр егъэуназэ, псэр догыз.
Къыпщыремыхъу зыгуэр уэ птеслъхьэу,
КъыпщыремыщI уэ зыри. Щыс
УимыкIыу уи пIэ, узыхуеIэм
УлъэIэсыну жиIэ Тхьэм…
1999 гъ.
96
* * *
Зэхэхами мыгурыIуэгъуэу,
Зэмыфэгъуми мытелъыджэу,
Зы джэ макъым къигъэщI-кърикIуэр
Ешэжьарэ къэмыувыIэжу,
Зэхэджарэ зэIущэгъуейуэ,
Къиугъуейхэр зэгъэзэхуауэ,
Зи къэкIуэкIэр зы жэщ- зы махуэу
Зи кIуэжыгъуэр пIалъэ мыIупщIу
Гупсысэ…
2006 гъ.
97
* * *
ЩIымахуэщ…
ХэкIуэсыкIи ежьэж!
Хьэуэ. Сигу ирохь.
Си бостеикIэр сыудэу,
бажэ кIуэкIэу
уэсым сыкIуэцIрокI.
Тыншрэ ешэжьауэ.
Дунейм зыкъыздещI.
Жыг зэщIэблахэм
я жагъуэ ирамыщI
я пIэм зэрижыхьар.
Си закъуэу сыкIуэцIрокI,
зэм-зэмкIэ
сигу укъридзэрэ
дзапэ уэрэдыр
къызыхуисшыр уэрауэ.
Уэ ар пщIэрэ?..
2006 гъ.
98
* * *
Щхьэхуиту, гупыкIыгъуафIэу
дунейм ухущыту…
щытыкIэ зэпэщIэхахэм уащыщтэми,
уикIэрэхъухьыу…
сыту фIы упсэуну!
ИтIанэми: игу къомыбгъэну
ущелъэIукIэ (Тхьэм), теутIыпщхьауэ,
щхьэхуиту!
Зэран къомыхьыну яужь уиту…
ЗыгуэркIэ зыгуэрым
шэч къытепхьами,
утегушхуэфрэ ущхьэпрыкIыу,
дзыхь хуэпщIрэ
дзыхь зыхуэпщIыжу.
Зи пIалъэ къэсам ущыхуэсакъкIэ,
ар пIэщIэкIыныр къызэрыблагъэр
уигу къомыгъэкIыу…
Телъыджэ?
КъызэрыгуэкI?
УщIэмыупщIэ,
Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ,
УпщIэншэуи
жэуапыр къокIуэри.
УтемыплъэкъукI къудей…
2006 гъ.
99
* * *
Умэзэхауэ уэгу къыпщхьэщытыр
уэ къыпхуоплъых, къалэ щэху.
къешыхьэкIащ уи чылисащхьэ папцIэхэм
зи пащтыхьыгъуэ икIахэм
я нэгу щIэкIар.
Уэшхым кърилъэсэхрэ
мывэлъэгу джафэм
къалъэIэса нэужь,
хэти зэдаищ уи щэхухэр.
Сэри схузэIухащ.
Прагэ къ, 2006 гъ.
100
* * *
ПлъакIуэ-дэIуакIуэ
къыпхуэкIуа уи хьэщIэм
гу лъыптэххаи, Прагэ?
Мелуану уи члисащхьэ иплъэхэм
сэри сахэти… Упагэ?
Уапхуэдэу къысщыхъуркъым.
Уи уэрам зэв къыдэхутэхэм
гъуазэ къахубогъуэт уэ.
Королым и уардэунэм
и бжэ нэгъунэ
схузэIубох…
2006 гъ.
101
* * *
УигукIэ хъумэ, уи нэгум щIэгъэт
Уэгу къыщхьэщытыр Прагэ.
Джэрпэджэж макъыр тхьэкIумэм игъэт,
ЗыщыпхуэIэткIэ лъагэу.
ПлъапIэ къиуви хэплъэ, зыплъыхь,
Плъагъур уи фIэщ пхуэщIыхукIэ.
Члисэ щыгухэр нэхъри нэхъ IупщIщ
Уафэр щыкъащхъуэ-щыщIыхукIэ.
НитIыр гъэхъуапсэ, нэгу зегъэужь,
лъэужьыр пщIыхьхэм къахэнэу…
ПлъапIэ-хъуапсапIэр хэт и Iэужь,
хэтми, зыгуэрым къыхуэнэу?..
2006 гъ.
102
* * *
ЕдаIуэ!
Уи макъамэмкIэ си гур гъэнщIащ.
НэIурыту солъагъу гупсэхугъуэ къэзытыр.
УIукIмэ,
уIукIуэтмэ – уэ зэу сыкъэпщIащ.
Си губампIэ дэзыхыр пэрытырщ.
Шу пашэу
уихьэжмэ уэгу зэвым,
Зы лъагъуэщи кIуэцIрышар,
ЗыкъэзбгъащIэу,
утемыплъэкъукIыу…
къэблагъэ-къыплъыкъуэкIам
ущыIуплъэкIэ,
уигу сыкъэгъэкI…
хъуркъым си фIэщ итIани…
Прагэ къ, 2006 гъ.
103
* * *
Хъарпшэру пшагъуэм къыхотэджыкI
пщэдджыжь жейбащхъуэр.
Сыщымэхъашэу. И гум къэмыкI
сэ сыщыгъуащэр.
ЗэIущэщыкIрэ лъалъэу и нэз,
сызэписыкIыу.
Пшэплъ гъащIэ мащIэм
хуэсщIа гухэлъщ
си гум имыкIыр…
Хъарпшэру пшагъуэр къызощIыIэкI,
къызопэгэкIыр.
Нэбэнэушэу нэгум щIэкIар
уэ уофэгъуэкIыр.
Мэзкуу, 2005 гъ.
104
* * *
СимыIамэ усэр, сытыт сщIэнур?
Cигу пхуэзэшым сытыт сэ хуэсщIэнур?
Иджы мис, согъэтхьэусыхэ жэщкIэ,
Согъэгугъэ ар сэ , махуэ къэскIэ.
СимыIамэ усэр, сыт слъэкIынут?
Си псэр зыхуэзэшым есшэкIыну
КъызогъэщI таурыхъи, сэ сыщысщ.
Жэщыр — махуэщ,
Махуэр жэщ сымыщI.
Си гупсысэр усэу зэролъэлъри,
Жейр здэщыIэм сыкIуэжын слъэмыкI…
КхъыIэ, усэ, зэи сумыбгынэ,
КхъыIэ, усэ, зэи успымыкI!
1999 гъ.
105
* * *
Мы щIым сытезыIыгъэ къарур
Дэнэ къыздикIыр?
Мо хьэршым хэбзэхэж лъагъуэр щиухыр сощIэр.
Къуаргъымрэ жэнэтбзумрэ я кIий макъыр
Си бзэмкIэ зэпызощIэр.
Къеплъыхи сызыIугъаплъэ щхьэхуит къарууэ.
Си пкъыр зытет мы щIыгум псэр щхьэщохуарзэ.
Вагъуэхэр я къэблэгъуэм къэгъаблэ,
Дыгъэр си щхьэщIыбщ, си нэгур – мазэщ.
ЦIыхухэм насып зыдэлъу ялъытэ къуэладжэм
Хуиту щыутIыпща жьыбгъэм уэрэд къыщырешыр.
Къуаргъымрэ жэнэтбзумрэ я кIий макъым
СызыIэпешэр!
2003 гъ.
106
* * *
Лъабжьэ сыгъэщI,
къуэпсхэр сыгъэдз.
БжьыхьэкIэм хейуэ
Си тхьэмпэ гъуэжьхэр
пылъэлъыжынущ.
Сэ сыхэхъуэнущ,
Сэ сыкъэкIынущ.
Гъэгъа хужьыфэхэм
бжьэхэр къепщIынущ. ЩIым сыкъыхэкIрэ
лъабжьэр екIыхыу
Гъэ дапщэ схьынуми содэр!
Дыгъэм хуэлIапэр сэ схуэдэщ.
Сяужьи, сяпи
къэхъуну-къэкIынум
Сыхуэмыхъуну зэран
си гум жеIэр.
Лъабжьэ сыгъэщI! ЩIыр зэгуэпэкIыр сэ схуэдэщ.
Къысхуэди, къысхуэгъэдахэ.
Си зы къудамэ
абгъуэ щищIыну мэпIащIэ
илъэс тIощI дэкIмэ
кърашыну бзу гъуабжэр.
2003 гъ.
107
***
Уи гугъэ япэм хуэдэу сыгужьейуэ?
Сыкъытенами псыщхьэм кхъуафэжьейуэ,
ХэзубыдыкI лъэныкъуэм есхулIэнкъэ!
Уи ныджэм сыкъэплъагъуу сырикIуэнкъэ!
Псым джейхэр хэзгъэпкIэжмэ зы къэмынэу,
Тенджыз къэукъубеями сырителъхьэщ!
Хьэуа зыхуримыкъум псы IурыпкIэу
Уесами, уэри зыкъэпщIэж уи хьэлщи,
Сяпи, сяужькIи гъуэгу ирикIуэм
Худэдзыхыныр зэрегуакIуэ щIыкIэщ…
Уи гугъэ япэм хуэдэу сыгужьейуэ?..
2005 гъэ.
108
* * *
Къэсхутащ сэ уи псэм хэлъ губгъуэшхуэр,
Сыт зэманми абы удз щогъагъэ,
ГъащIэм уи щхьэр щIыуигъэхьэ щыхъукIэ,
КъыбощIэж а губгъуэр зэрыщыIэр.
…Усабийрэ зы гуэныхь птемылъу,
Удыхьэшхрэ уэ, узэрылъэлъу,
Къыщожыхьыр лъапцIэу удз щабабзэм…
…СыпIуплъащ зэгуэрым уэ апхуэдэу.
Уи лъэхъуамбэ цIыкIухэм щегъэжьауэ,
Бау пхуэсщIам и бжыгъэм нехьэ-къехуэу
Хьэндырабгъуэ абдеж щызолъатэ.
А уи губгъуэм сытеплъа нэужькIэ
Гъуни нэзи имыIэн къысщохъур
Сэ пхуэсщIа гухэлъым…
2005 гъ.
109
* * *
Псэущ си гухэлъым и лъабжьэр,
Зедз си гухэлъым и къуэпсым.
ЩIэлъыр къэкIуэнум и набжьэм
СщIэну, къэсщIэну зэспэскъым…
Псэущи, мэбауэ, мэщатэ
Зэтощэхэжыр гурыщхъуэр.
Япэм «Къэхъунур къэсщIатэм…»
ЖызыIэрейм сремыщхьыж сэ…
Мис, иджыпсту счы лъэбакъуэрщ
Сыщхьэщызыхыр щIы щхьэфэм.
Ухуеймэ, си гъусэу накIуэ,
Махуэр щыбзыгъэ-щыуэфIкIэ…
110
ПСАЛЪАЩХЬЭХЭР
IутIыж Борис. Гупсысэ IэфIхэмкIэ гъэнщIа усэхэр ……………………………………………………….. 3
«Уи зы псалъэр щIым и Iыхьэщ…»……………………………………………………………………………….. 7
«ЦIыхум и нэхур…» ……………………………………………………………………………………………………… 8
«Гъэпсалъэ щхьэмыжыр…»……………………………………………………………………………………………. 9
«Сызыхуейр фIэсщынущ зыхэсщIэм …» ………………………………………………………………………. 10
«Нэхущым жыгхэм заутхыпщI…» ……………………………………………………………………………… 11
«Мы щIылъэм псори гурыIуэгъуэ ещI…» …………………………………………………………………….. 12
«ЗыкъэсщIэжри – гъэмахуэт…» …………………………………………………………………………………. 13
«ЗыщысплъыхькIэрэ…» …………………………………………………………………………………………………. 14
«Къэхъунур зэрыпэжымрэ…»………………………………………………………………………………………. 15
«Псэр зыхьэху тыншыгъуэ…» …………………………………………………………………………………….. 16
«СыкъызэплъэкIри – зыслъагъужырт…» …………………………………………………………………….. 17
«КхъыIэ, мы дунейм теухуауэ…» ………………………………………………………………………………. 18
«Зыри, зыри…»……………………………………………………………………………………………………………. 19
«Гухэлъыр IэфIт…» ……………………………………………………………………………………………………… 20
«Насыпым сыпэплъэу…» …………………………………………………………………………………………….. 21
«СылIэжыну кIасэщ…»…………………………………………………………………………………………………. 22
«КъызэплъэкIи еплъэкIыж…»………………………………………………………………………………………… 23
«Си гухэлъым япэ…»………………………………………………………………………………………………….. 24
«Ухуеймэ тет дунейм, ухуейм – ехыж…»……………………………………………………………….. 25
«Гугъэр нахуэщ, гугъэр нэхущ…»……………………………………………………………………………… .26
«Сыту тыншу сежьэжрэ, ди Тхьэ! …»……………………………………………………………………… 27
«КъыщIигъэщыр сыт мо уафэхъуэпскIым?..»………………………………………………………………. 28
«Сэ унэщIэ сыщIохьэ…» ………………………………………………………………………………………………. 29
«ПлъапIэу сиIэр уэгурщ…» …………………………………………………………………………………………. 30
«Ухэмыплъэ, псыхэгъэ умыщI…»…………………………………………………………………………………. 31
«Дыгъэ къухьэжыгъуэм…» …………………………………………………………………………………………… 32
«ЗдэщымыIэм псалъэ…»………………………………………………………………………………………………. 33
«СыщыхыхьэкIэ бжьыхьэм сотынш…» …………………………………………………………………………. 34
«Iэгу лъэныкъуэр щIыIэмылщ…» ………………………………………………………………………………….. 35
«Сэ сожьэжыр – уи жагъуэ умыщI…» ………………………………………………………………………. 37
«Мы си гур мэгъагъэ…»……………………………………………………………………………………………… 38
«Е псори пэжщ, е псори пцIыщ…» …………………………………………………………………………… 39
«Си гукъэкIыжу къэмыхъуар зи лъабжьэ…» ………………………………………………………………. 40
«Гъатхэ уэс…» …………………………………………………………………………………………………………… 41
«Къызэджи къызжеIэ…»……………………………………………………………………………………………….. 42
«Усщогъупщэ, усщогъупщэ…» …………………………………………………………………………………… 43
«Дыгъэпсым хоткIухь…» …………………………………………………………………………………………….. 44
«Дэнэ къикIа махуэщIэ?..» …………………………………………………………………………………………… 45
111
«Губгъуэ щхъуантIэм Iуащхьэхэр къытощ…» …………………………………………………………… 46
«СыпщIэгупсысрэ сигукIэ схузэгъэзахуэм…»………………………………………………………………. 47
«Си Iэр убыди, си нэр зэтепIауэ…»…………………………………………………………………………… 48
«Уи бар си Iупэм тесщи, хьэндырабгъуэу толъэт…»………………………………………………. .49
«Гурыщхъуэ сощI уи щэхур схузэ1упхыу, дуней…» ………………………………………………… 49
«Уэ пщIарэт си гум и щытыкIэр…» …………………………………………………………………………. 50
«Убзэхыжу къэбгъэна гупсысэм…» ……………………………………………………………………………… 51
«Иджыри зыри пхэзмыщIыкIыу…» ………………………………………………………………………………. 52
«ГъащIэм и курыкупсэм…» ………………………………………………………………………………………… 53
«Гур гъэзагъэ…» …………………………………………………………………………………………………………. 54
«Си псэр псы щIагъкIэ уи деж нэсхьэсынут…» ………………………………………………………… 55
«Лъагъуныгъэм и къэкIуэкIэр…»………………………………………………………………………………….. 56
«Уэ пщIэр сэ къэсщIам къыпыдгъащэ…»…………………………………………………………………….. 57
«Укъэушмэ, щхьэгъубжэм дэплъ…»…………………………………………………………………………….. 58
«Си псэм и налкъутхэр…»………………………………………………………………………………………… 59
«Уэрэ сэрэ дяку къыдэхъуэ псалъэм…» ……………………………………………………………………… 60
«Си пщIыхьэпIэм уэ ухэтщ…» …………………………………………………………………………………… 61
«Уи гум щыщIэр къысхуэIуатэ…»………………………………………………………………………………. 62
«Псалъэ лей жызмыIэу зызогъасэ…» …………………………………………………………………………… 63
«Уи гукъеуи, уи гуфIэгъуи фIыуэ сощIэ…»…………………………………………………………………. 64
«Къызэт нэгъуэщI псалъэ…» ……………………………………………………………………………………… 65
«Уэрэ сэрэ дызэгъусэу дыгъэпсэу…»…………………………………………………………………………… 67
«Сэ гъусэ сщIынур уэракъым…»…………………………………………………………………………………. 68
«СынолъэIу: дытегъэт зы дуней…»……………………………………………………………………………. 69
«Си нэкум и напIэ…» ………………………………………………………………………………………………… 70
«Къэгъанэ псори…» …………………………………………………………………………………………………….. 71
«Сыгъыркъым, сыбжэркъым…»…………………………………………………………………………………….. 72
«Псори пцIыуэ къысщохъу…» …………………………………………………………………………………….. 73
«Мывэ лъэгущ си псэм и лъащIэр…» …………………………………………………………………………. 74
«Нэхъ къасщтэу пIэрэ апхуэдэу?..» …………………………………………………………………………… 75
«Уэсым и пIалъэр къэсакъым…» …………………………………………………………………………………. 76
«НэкъыфIэщIхэм я дунейм…»………………………………………………………………………………………. 77
«Псалъэм сэрэ ди закъуэу дыкъонэ…» ………………………………………………………………………. 78
«Вагъуэ быныр зи щхьэщыгу сы-гъуэгурыкIуэу,…» ……………………………………………………. 79
«Уэ зыщIыпIэ укIуащ…»………………………………………………………………………………………………. 80
«Зыгуэр жысIэну къысщогъупщэ…»……………………………………………………………………………. 81
«Мы гъэмахуэр…»……………………………………………………………………………………………………….. 82
«НэгъуэщIым и зы плъэкIэ къудейм…» ………………………………………………………………………. 83
«Удз кIырым зыщызыгъэпщкIу гъэмахуэу…»………………………………………………………………. 85
«Пщыхьэщхьэр нэхущым щыпэджэм…» ……………………………………………………………………… 86
«СхужымыIэу макъкIэ си зы лъэIу…» …………………………………………………………………………. 87
112
«Си унэм хьэндырабгъуэхэм къыщалъэтыхь…»………………………………………………………….. 88
«Къалэ щэхум удозэшыхь…»………………………………………………………………………………………. 89
«Зеущэху гурыщIэм, псэм щIогъуалъхьэ зэшыр…»……………………………………………………… 90
«Жэщым къыхэIукI макъхэм къарыкIыр зэгъащIэ…» …………………………………………………. 91
«Дыщафэ-гъуаплъафэу…»……………………………………………………………………………………………. 92
«Къаплъэ…» ………………………………………………………………………………………………………………… .93
«Къэхъунум и IэфIыр…»………………………………………………………………………………………………. 94
«Зыгуэр къысщощI, зэтокIри си щхьэр…» …………………………………………………………………. 95
«Зэхэхами мыгурыIуэгъуэу…»……………………………………………………………………………………… 96
«ЩIымахуэщ…»…………………………………………………………………………………………………………… 97
«Щхьэхуиту, гупыкIыгъуафIэу…» ………………………………………………………………………………. 98
«Умэзэхауэ уэгу къыпщхьэщытыр…» ………………………………………………………………………… 99
«ПлъакIуэ-дэIуакIуэ…» ………………………………………………………………………………………………. 100
«УигукIэ хъумэ, уи нэгум щIэгъэт…»……………………………………………………………………… 101
«ЕдаIуэ!..» …………………………………………………………………………………………………………………. 102
«Хъарпшэру пшагъуэм къыхотэджыкI…» ……………………………………………………………….. 103
«СимыIамэ усэр, сытыт сщIэнур?..» ……………………………………………………………………….. 104
«Мы щIым сытезыIыгъэ къарур…»……………………………………………………………………………. 104
«Лъабжьэ сыгъэщI…» ………………………………………………………………………………………………… 106
«Уи гугъэ япэм хуэдэу сыгужьейуэ?..»……………………………………………………………………. 107
«Къэсхутащ сэ уи псэм хэлъ губгъуэшхуэр…»………………………………………………………. 108
«Псэущ си гухэлъым и лъабжьэр…»………………………………………………………………………. 109
Литературно-художественное издание
Канукова Зарина Саадуловна
УЭРЭ СЭРЭ
(Ты и я)
Редактор Дина Карданова
Художник Мадина Саральп
Заведующий редакцией В. Н. Котляров
Лицензия № 00003 от 27.08.99
Сдано в набор 10.04.08. Подписано в печать
Формат 60х84 1
/16. Бумага офсетная. Гарнитура Lazurski.
Усл. печ. л. 5,88. Тираж 1000 экз.
Издательство М. и В. Котляровых
360051, КБР, г. Нальчик, ул. Кабардинская, 19
Тел./факс 8(8662) 42-62-09